Алмэстыщхьэцхэр
Appearance
Алмэстыщхьэцхэр | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Cuscuta Linnaeus | ||||||||||||
|
Алмэстыщхьэцхэр (лат-бз. Cuscuta) — лӀэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зы гъэрэ нэхъыбэкӀэ къэкӀыркъым. Ипкъ кӀапсэ псыгъуэмкӀэ езыр зыкӀэрыкӀэ къэкӀыгъэхэм зырешэкӀ, ӀэфӀри псыри къыщӀифыкӀыурэ зэран хуабжу яхуохъу.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КъэкӀыгъэ зэхуэмыдэхэм якӀэрокӀэ. Тхьэмпищ трасам алмэстыщхьэцыр щыкӀэрыкӀэкӀэ абы мэкъуу, жылэу къитыр мащӀэ дыдэ мэхъу. Абы къыхэкӀыуи алмэстыщхьэцыр зэран хъу удзыжьхэм хагъэхьащ, абыхэм, зэрыгурыӀуэгъуэщи, сыт щыгъуи ебэнын хуей.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.