Jump to content

Ӏуащхьэмахуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
(palotchka <Ӏ> (via JWB))‎ версие 01:22, 18 ЩӀышылэ 2023; Kwamikagami (тепсэлъыхьын | хэлъхьэныгъэхэр)
(зэмылӀ.) ← Япэ ит версиер | КъекӀуэкӀ версиер (зэмылӀ.) | КъыкӀэлъыкӀуэр → (зэмылӀ.)
Ӏуащхьэмахуэ
урбз. Эльбрус
Сурэт

Координатхэр: 43°21′11″ с. ш. 42°26′13″ в. д. / 43.353056° с. ш. 42.436944° в. д. (G)

ЗдэщыӀэр: Урысей
Къущхьэ зыхэтыр: Къаукъаз
Лъэгагъэр: 5642 м
Ӏуащхьэмахуэ Уикисурэтылъэм

Ӏуащхьэмахуэ (урбз. Эльбрус) — Ӏуашъхьа Къэукъазым иде, Кэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я къэрал гъунэр здырикӀуэм Къэукъаз Ӏуашъхьашхуэхэм ишъхъэрэмкӀэ къахэкӀыу щыт. Еуропэм, Урысейм инэхъ лъагэ уашъхьа.

ӀуащхьитӀ иӀа къэхьапӀэмкӀэ щыӀам илъэгагъыр - 5 642 м. къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀам - 5 621 м. Я зэхуакум пшъэ дэлъым илъэгагъым 5 200 м. иӀа, езы ӀуащхьитӀым язэхуакум км 3 хуэдиз дэлъ.

Нэхъыбэ лъэпӀкъхэр зэреджэр Элбрус иэ абы ехьч псалэкӀэ. Псалъэ Элбрусыр ираныбзэм къыхэкӀ хъун "Айтибарес" (Ӏуашъхьа лъагэ) иэ "Элбурс" (цӀуу, лыд).

Адрей цӀэхэр:

1813 гъэм урыс академ Вишневскэм япэреуэ илъэгагъыр ебжыр (5 421 м. елъытэ). Япэреуэ изы Ӏуашъхьам щыдэкӀуэяр 1829 гъэм, генерал Эмманеэлыр яхэту. Экспедицэр шъэныгъэ гугъэкӀэ ежьахэт, абы хэтахэр: акэдем - Адолф Купфер, Эмилий Ленц, Эдуард Минетриэ, Карл Мейер, Иосиф Бернардацци, Янош Бессе. Абы пэмыкӀыу Эммануэлым урыс дзэм щыщу 650 шъауэ, 350 къэзакъу дэкӀыгъуа.

Езы Ӏуашъхьа дыдэм дэкӀуэин кӀэздзахэр: Купфер, Ленс, Мейер, Минетриэ, Бернардацци, къэзакъ 20, гъусэхэмрэ. Ауэ гуп емысам къахьэлъакӀын кӀыдзэри дэкӀуэиныр я нэхъыбэм ягъэзэжьа. Къэнар нэрыбгипӀлӀ: Эмилий Ленц, Лысенко къэзакъыр, балъкъэр Соттайхэ Яхьиэрэ, къэрэшей Хьашырхэ Къэлэр джоуэ. 5 300 м. нэсаху, я къэру къымыхьыжьу къэувэӀахэ.