Jump to content

Урысей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Урысей Федерациэ къызыхэкӀар)
Урысей, Урысей Федерациэ
урбз. Россия, Российская Федерация
Дэмыгъэ Урысей
Урысей и нып Урысей и дэмыгъэ

Кординатхэр: 65°25′00″ с. ш. 94°15′00″ в. д. / 65.416667° с. ш. 94.25° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Государственный гимн Российской Федерации» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 862
Нэхъышъхьэбзэхэр урысыбзэ[1]
Къалэ нэхъышъхьэр Мэзкуу
Къалэ нэхъ инхэр Мэзкуу,
Бытырбыху,
Новосибирск,
Екатеринбург,
Нижний Новгород
ӀэнатӀэ хабзэр Президент-парламенту республикэ
Президент
Правителствэм и тхьэмадэ
Дмитрий Медведев
Владимир Путин
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
1-нэ дунем
17 125 191[2] км²
13
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

146 544 710 цӀыху
8,3 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$2,225 трлн  (7-нэ)
$16 239
Этнохоронимыр урысейхэ; урысей;
Сомыр (Валутэр) урысейм и рубл (RUB, RUR)
Интернет-доменхэр .ru, .su[3], .рф[4]
Телефон кодыр +7
Зэманыгъуэхэр +2…+11[5]
  1. Къэрал псом; республикэхэм УФ хэтхэм, урысыбзэм щымыхъукӀэ, езыхэм ябзэхэри тетщ.
  2. https://rosreestr.ru/upload/documenty/doc_Gos-doc_2011.rar Государственный (национальный) доклад о состоянии и использовании земель в Российской Федерации в 2011 году (на 1 января 2012 года)
  3. Совет Зэгуэтхэм еуэ къылъысауэ. [1]
  4. Кирилл хьэрыфылъэмкӀэ,2010 гъэм накъыгъэм и 12 ирагъэжьа. [2]
  5. Урысейм идеж къагъэсэбэп декретнэ зэманыгъуэр

Урысей (урбз. Россия, Российская Федерация, и цӀэдыдэр псоуэ — Урысей Федерациэ, кӀэщӀыу УФ) — къэрал, къуэкӀыпӀэ Еуропэмрэ ишъхъэрэ Азиэмрэ хэт. И щӀыпӀэм и инагъыр 17 075 400 км² — абымкӀэ Урысейр дунейм нэхъ и къэрал нэхъ ину щыт. Джылу исыр, 2010 гъэмкӀэ — цӀыху 141 927 297 (9-нэ дунейм).

Урысейр Еуразиэм хэт, континентым и 1/3 хуэдиз иубыду. ХэкумэтхымкӀэ и пӀэр — континент-курытыгъу, океан-курытыгъу къалъытэр.

И гъунапӀэхэр: ищхъэрэм — хыпэ Челускин (материкым; гъунапӀэхэр Хы тӀыгу зэхэт Франц-Иосифхыпэ Флигели, Рудолф и хы тӀыгум), къэхьэпӀэм — Песчанэ хы тӀыгуныкъуэм и пэ (Калининград къэралым), къуэкӀыпӀэм — Дежнев хыпэ, ипшъэм — пӀэ, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэм хэт (Дагъыстэнымрэ Азарбиджанымрэ я гъунапкъэм).

Дунем нэхъ и къэрал ину щыту, Урысейр къуэхьэпӀэмкӀэ къыщӀедзэри къуэкӀыпӀэмкӀэ йокӀуэкӀыр, 11 зэманыгъуэкӀэ гуэчауэ.

Хым и псы иубыдхэм, км 370 Ӏуфэм къыӀукӀыу, Урысейм и хы экономическэ зонэр хэт.

Урысей Федерациэм щӀымкӀэ и гъунапкъыр къэрал 16-м ядеж ирокӀуэ: Норвегиэм, Финляндиэм, Эстониэм, Латвиэм, Литвам, Лэхьыйм, Урысыхум, Хуэхуэлейм, Апхъазым, Курджым, Ипшъэ Осетиэм, Азэрбиджаным, Къазахъстэным, Монголым, Китайм, Ишъхъэрэ Корейм, абым пэмыкӀыу хым ирикӀуэ гъунапкъхэр, къэралитӀым — Японымрэ АШЗ-мрэ. ЩӀым ирикӀуэ гъунапкъым и кӀыхьэгъыр км 1605.

Росстатым къызэритымкӀэ 2010 гъэм Урысейм дэсыр зэрыхъур цӀыху 141 927 297, абымкӀэ Урысейр дунем 9-нэ пӀэр еубыд.

Джылэм и нэхъыбэр (2/3) Урысейм и къуэкӀыпӀэеуропэ лъэныкъуэм щопсоухэ, адрей 1/3 Уралым и кӀыбагъым.

Лъэпкъхэм я нэхъ иныр урысхэр — 79,8 %. Адрей лъэпкъхэр (милыуаным зи бжыгъэ фӀэкӀ) — къэзанхэр (3,9 %), украинхэр (2 %), башкирхэр (1,2 %), чувашхэр (1,1 %), мышгычхэр (0,9 %), ермэлыхэр (0,8 %). Урысейр лъэпкъ бжыгъу зэхэт къэрал, щӀэм фӀэкӀыу лъэпкъу динуи зэшъхьэщыкӀху.

Къэралым и зэхэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КонституциэмкӀэ, 1993 гъэм референдум ирагъэкӀуэкӀамкӀэ хэхам, Урысей Федерациэр къэрал демократ федерату щыт, и хабзэӀэнатӀэр республику щыту.

Къэралым и тхьэмадэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралым и тхьэмаду тетыр президент, илъэситхукӀэ хахыр, къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ. Президентыр зэкӀэлъыпыту тӀо хахын пӀалъэ иӀэкъым.

Урысейм и призедентхэм я тхылъ:

ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ХабзэдэгъэкӀым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьу щытыр парламент (Федерал хасэ), тӀууэ зэхэкӀу — нэхъыкӀэмрэ (Государственная Дума) нэхъыжьымрэ (Федерациэм и хасэ). Государственноэ Думэм хэтхэр къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ зэхохьэ, Федерациэм и хасэр — урысейм и хэку къэсым тӀурытӀ тхьэмадэ къыхэгъэкӀыурэ зэхагъыхьэ.

Лэжьыгъэ ӀэнатӀу тетыр Урысей Федерациэм и правителствэ, абы шъхьэщытыр Правителствэм и тхьэмадэ, президентым тригъэувэ УФ и Государственнэ Думэм идауэ ар.

Федерациэр зэргуэчыр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
УФ-м и Федерациэ гуэчыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ

АдминистрацэмкӀэ УФ-м и шӀыпӀэр 85 хуэку ӀэнатӀэ зэхуэдиз зиӀу гуэчауэ щыт. Хэкухэр зэрзэшъхьэщыкӀхэр:

  • Област (Хэку) — 46;
  • Республикэ (Къэрал) — 22;
  • Края (Къэрал) — 9;
  • Автоном округ — 4;
  • Федерал ӀэнатӀэ зиӀэ къалэ — 3;
  • Автоном област (Автоном хэку) — 1.
  • 862 гъэм Пэсырейурыс къэрал зэфӀоувэ (Киевская Русь), къуэкӀыпӀэслауан лъэпкъхэм я нэхъыбэр зыхиубыду. Яужым пщызэрыз зэхэтыкӀэм къэрал бжыгъу мэгуэчыр.
  • XIII лъэхъэнэм урыс пщы къэралхэм монголхэр къатоуэри, яубыдхэр. Монгол хъанхэм я ӀэнатӀэр урыс пщыхэм ятелъ. 1380 гъэм, урыс пщы Дмитрий Донскойр хъан Мамайм токӀуэ Кукиков зауэм идежь.
  • XVI лъэхъэнэм Мэкуу къэралым и къэрур зэфӀэувэн кӀедзэ, къыбгъэдэлъ пэмыкӀ урыс къэрал бжыгъэхэр иубыду. Зы ӀэнатӀэ зиӀэ къэрал мэхъур. Иуан VI Бзаджэм щыгъуэ Урыс къэралыр бжыгъэкӀэ нэхъ ин мэхъур, Казанымрэ и Астраханымрэ иубыду.
  • XVII лъэхъэнэм Иуан VI Бзаджэр дунем ехыжьа яуж къэралым «зэман фӀыцӀэ» къожьэ. Урысейм Лэхьыйм и дзэр къытоуэ. 1612 гъэм, джылэдзэ Мининрэ Пожарскэрэ яшъхьэщыту Лэхьыйм и дзэр зэгуаудыр. 1613 гъэм пэштыхь кӀэуэ хахыр Михаил Фёдорович Романов. Романовхэ я лъэпкъыр Урысейм 1917 гъэм нэгъунэ тетхэ.
  • XVIII лъэхъэнэм пэштыхь Пётр I реформэшхуэхэр къырегъажьэ, Урысейм империэ треӀуэ. Ишъхъэрэ Зауэшхуэм яуж 17001721 гъэхэм Урысей империэм шӀыпӀэ иӀэхэр еубыдыжьри Балтикэ Хым идежь дэкӀыпӀэ егъуэт.
  • 1812 гъэм ШӀыналъэ зауэр кӀедзэ Наполеон и Фрэнджым пэщыту, абым урысейр токӀуэ. 1861 гъэм пщылӀ Ӏыгъын пӀалъэр Ӏуах. XIX лъэхъэнэм и кӀэм лэжьыгъэр куэду зэфӀоувэр къэралым.
  • 1905—1907 — япэрей урыс револуциэ.
  • 1914 гъэм Урысей империэр Антантэм зэрхэтым шъхьэкӀэ Япэрей дунейпсо Зауэм хохьэ. 1917 гъэм мазаем Мазае револуциэ кӀедзэ, пщыхэр трагъэкӀри ӀэнатӀэ хабзу республикэ яшъыр. КӀэх провителствэм зэуэ егъэкӀуэкӀыныр зэрзэпамыудыр къаӀуэри, 1917 жэпуэгъуэм ӀэнатӀэр «инхэм» яубыд, Ленин яшъхьэщыту. 1918—1922 Урысейм джылэ зауэ йокӀуэкӀ, текӀуэхэр «инхэра». 1922 гъэм Совет Зэгуэт къэралым траӀуэ.
  • 1941—1945 — ШӀыналъэ зауэшхуэ, Джэрмэнымрэ дэкӀыгъухэмрэ япэщылъу.
  • 1991 — Совет Зэгуэтыр зэхокӀыр, Урысейри абым къыхокӀ.