Сэтэней (удз)
Сэтэней ( лат-бз. Filipéndula ulmária, ур-бз. Таволожник ) - къэкlыгъэ Хьацыбанэ-лъэпкъым ящыщ, Еуропэмрэ Къуэхьапэ Азиэмрэ игубгъуэхэм къыщокlыр.
Зэрзэфlэтыр
Гъэбжыгъэкlэ псо удз-къэкlыгъэ м. 1,5 - 2 илъэгагъу, жэпкъ зандэ, къуэлэн, дамэрэ къудамэрэ бжыгъэ пыту иlа, лъабжъэр лъахъцу щыту, зэкlэкlэжу.
Тхьампэхэр гъэчхэм пыту къытокlэ тlурытlу щырыщу игъунэхэмкlэ, зы ин пашъхьам иту. Яшъхьамкlэ удзыфэ-кlынфlу, цlанлъу щытхэ, якlагъымкlэ удзыфэху, пхъашу. Тхьампэшхуэхэм я зэхуакум тхьампэцlыкlу дзасэу ядэт.
Гъагъэхэр цlыку щытхэ, гупышху зэхэубыдауэ гъэчхэм къатокlэ гъуэжьрэ хужьрэ зэхэлъу, мэфl яlу. Апхуэдэ зы гъэчым икlыхьагъыр см. 20 нэсыфыну. Щыгъагъэр мэкъуауэгъуэм бадзэуэгъуэм.
Къыздэкlыр
Еуропэм ( Скандинавым, Еуропэ Курытым, Атлантик океаным иlуэм lулъ къэралхэм, Укрэинэм ), Азиэм ( Азиэ Курытым, Азиэ Цlыкlум, Монголым ).
Урысейм иеуропей лъэныкъуэм, Къаукъазым, Къуэхьапlэмрэ Къуэкlыпlэ Сыбырымрэ.
Нэхъ кlасу къыздэкlыр губгъуэ, мэзкъуи, псыпцlэхэм-псы ннэхъыбу шlым здыкlэтхэм ядей.
Сурэтылъэ
Пабжъу зэкlэкlауэ |
Кlагъ къудамэ-тхьампэхэр |
Гъэч-тхьампэхэр |
Гъэчым фlэт гъэгъа-гупзэхэт |
Гъэгъа |
Джылэхэр |