Jump to content

Адыгэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Адыгэхэр
Адыгэ лъэпкъым и нып
Лъэпкъпсом и бжыгъэр: милыун 7 хуэдиз
Здэпсохэр: Урысей - 750 000

Тырку - 5 000 000
Шам - 350 000
Иордан - 170 000
Ливиэ - 150 000
Джэрмэн - 94 000
Ирак - 62 000
Америкэ Штат Зэгуэт - 46 000

Бзэр: Адыгэбзэ
Диныр: Мыслимэныгъэ
Чыристэныгъэ
Расэм и типыр: Еуропеойдхэ
Ӏыхьлы лъэпкъхэр: Абазэхэр
Апхъазхэр
Адыгэхэр Уикисурэтылъэм

АдыгэхэрКауказым и зы лъэпкъ, Урысейм лъэпкъиплӀу гуэша хъуар — адыгейхэр, къэбэрдейхэр, шапсыгъхэр, шэрджэсхэр джоуэ. Здэпсохэр Адыгейм, Ишъхъэрэ Осетиэм, Краснодар къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставропол къэралым пэмыкӀ хэкухэми джоуэ; Урысейм щымыхъукӀэ пэмыкӀ къэралу адыгэхэр здисхэр: Тыркум, Йорданым, Шамым, Ливиэм, Джэрмэным, Иракум, АШЗ-м иджыри къэрал бжыгъэхэм джоуэ. Лъэпкъым и бжыгъэр зэрыхъур милыуан 5 щыкӀэдзауэ - 7 нэсу къалъытэ. Адыгэбзэр псалъэкӀыу тӀууэ зэшъхьэщокӀ тхыбзэм - къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ (кӀах тхыбзэ); къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ (къэбэрдей тхыбзэ).

КъызхэкӀахэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Адыгэ лъэпкъыжьхэм я Тхыдэ

Лъэхъэнэ къэс, лъэпкъ кӀэуэ адыгэхэм къахуэкӀуэхэтэм кӀэуэ цӀэ иратхэт, трауӀэт (зиххэ, меотхэ, керкетхэ, касогхэ пэмыкӀхэр джоуэ).

Бзэм и Ӏохугъуэ щыӀэхэмкӀэ гупшысэгъуэ Ӏэмэ къыхагъэкӀыр адыгэбзэр хаттхэм япхауэ щытауэ.

Дж. Интериано XV лъэхъэнэм Къаукъазым исар, тхыгъэ къыдигъэкӀат «ШэрджэскӀэ зэджэ зиххэм я псоукӀэр», зэритхтэр мыра

« зиххэр джоуэ алыджыбзэкӀэрэ латиныбзэкӀэрэ лъэпкъым зэреджэтэр, къэзанхэмрэ тыркухэмрэ шэрджэскӀэ йоджэхэ, езыхэм я бзэмкӀэ зэрзэджэжьхэр адыгэ. »

Пэсырей урыс тхыдэ-тхылъхэм адыгэхэр зэритхэр касогхэр джоуэ. Ижъыреуэ адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъ осетинхэм иджыри къыздынэсым Къэбэрдейм зэреджэр Кæсæг, езы къэбэрдехэм кæсгон.

XIII лъэхъэнэм монгол цӀэ шэрджэсхэр джоуэ лъэпкъым къытонэ. XIV-XV лъэхъэнэхэм адыгэхэм я ныкъуэ гуэрэм Псыхуабэ къыбгъэдэлъ шӀыпӀэхэм ядежь йотӀысэххэ.

Адыгэ хэкум и гъунапкъэхэмрэ, лъэпкъ къыбгъэдэсхэмрэ лъэхъэнэхэм зэрзэрахъуэкӀтэр:

Адыгэ лъэпкъхэр

Тхыдэм адыгэхэм я гугъэ ящын япэдыду яшъын щыкӀэдзам лъандэрэ, лъэпкъ-лъэпкъу зэхэдзауэ къоӀохур, тхылъ икӀагъымкӀэ итынухэр, гукъэуэми ауэ лъэпкъ гуэрэхэр шӀыналъэм исыжьхэкъым иэ дунем къытенэжьахэкъым. [1] [2]

Хабзэ

Диныр

ПсоукӀэр

Адыгэхэр лэжьыгъэ нэхъ зыпылъхэтэр шы, былым, бжэн, мэл зехуэным, мыслымэныгъэр къаштэным ипэкӀэ кхъуэи зэрахуэт, абыхэм пэмыкӀыу гулъытэшхуэ зиӀэтэр жыгхадэ зехьэнымрэ, санэху гъэкӀынымрэ. Псом нэхъ япэ иту, нэхъ пкӀэ зхуашътэр шы зэхуэным.

Ӏэшъагъэ-лэжьыгъу джылэм нэхъ хэлътэр былым зехуэным епхауэ щытахэрат: фэ лэжьыгъэ, упщӀэ, цей, пэмыкӀхэр джоуэ. Адыгэ хэкум ипшъэ лъэныкъуэм пхъэ лэжьыгъэр фӀыуэ зэфэтт, гъукӀэхэри хэкум бэгъуауэ исхэт, Ӏэшэм елэжьхэми хуэду.

Хьэблэ къэс, гуп лъэпкъ-лэпкъуэрэ зэхэтхэт. А гупхэр хуиту щытхэт, тхьэмадэ яхэту, езы лъэпкъым щыщу. Лъэпкъым хэту хъуар зэрыпхауэ щытхэт, лъэпкъэгъу шӀыгумрэ, хъупӀэхэмрэ елэжьыфу, къигъэсэбэпыфу, абым пэмыкӀыу, Хасэхэм хэтыфхэт, чэнджэшыфхэт.

XVIII лъэхъэнэм ипэм нэс унагъуэшхуэ зэхэтыкӀыу псохэт, нэрыбгэ 100 хуэдизым нэсыфу хэсыр. Апхуэдэ унагъуэ лъэпкъэгъухэр XIX лъэхъэнэм и кӀэм зэфӀэувэжьын кӀадзахэт.

ХапӀэр бжьыхькӀэ къахъуреихьт, унэкӀэхьэпӀэр нэхъыбэм ипшъэ лъэныкъуэм гъэзауэ щытхэт. Унэм и блынхэр, чыкӀэ яхухэт, яужым ятӀэ щахуэжьт, унашъхьэр тӀууэ иэ плӀыуэ къэху щытт, ари чыкӀэ хуауэ ипшъэм бгъэн телъыжьу. Зыуэ иэ зытӀущ пещу зэхэтт унэр, зэкӀэлъыпыту кӀуэху, шъхьэдж и бжэр пкӀантӀэм дэкӀыу. ХьэкӀэщыр иэ унэм и зы пещу щытт иэ пкӀантӀэм етӀуанэ уну дэтт. Блыным дежь, бжэмрэ шъхьэгъумджэмрэ я зэхуакум хьэку итт, уэнджак чыкӀэ хуар шъхьэщыту, абым пхъэ иэ гъушӀкӀэ щауэ фӀэдзапӀэ хэтт, лэгъупым шъхьэкӀэ.

Унагъуэ хьэпшыпхэр (гъуэлъыпӀэ, шэнт, Ӏэнэ пхъэм къыхащыкӀт, лъэгум алэрыбгъу, упщӀэ, арджэн ираубгъуэт.

Адыгэ фашэр

Бзэр

ЦӀэрыӀуэхэр

Гулъытэгъуэ

  1. Зи гугъ хъур убыххэм, мыхуэшъхэм, жанэхэм джоуэ. Япэреитыр урыс-къауъказ зауэм къэлакъым, яужырейхэр зауэм къэлахэтэр емынэузым ихьахэ.
  2. Лъэпкъхэм я цӀэхэр езыхэм я бзэхэмкӀэ итхауэ щыт, убыххэм щымыхъукӀэ.

ТехьэпӀэхэр

Last edited 6 years ago by YiFeiBot