Балий ( лат-бз. Prunus avium, ур-бз. Черешня ) - жыг къэкlыгъэхэм ящыщ ( м. 10 нэсу илъэгагъыр ), мы lарысу къыздэкlыр Укрэинэм ( Кърымым ), Ишъхъэрэ Урысей ( Къаукъазым ). Iарысу куэду ягъэкlыр.

Сурэтыр

Балийр - жыг-къэкlыгъэ нэхъ инхэм ящыщ. Псынкlыу мэкlыр адрей жыгхэм ялъытамэ. Пкlашъхьар хъуреуэ, тlэкlу хуэкlыхьу щыт иэ икlагъым бгъуэуэ ишъхьамкlэ памцlэ хъууэ. Жыгыкlэм ифэр гъуабджу, плъыжьыфу иэ псыфу щыт.

Лъабжъэр шlым кууэ хэхьакъым ауэ хузэфlэкlмэ фlыуэ зэкlегъэкlхэр.

Тхьампэхэр ину щыт, лъапэмкlэ хуэпамцlу ипэмкlэ хуэхъуреуэ, пэм памцlэ цlыкlукlэ иуху. Кlыхьагъкlэ см. 16 хуэдиз хъуху.

Хужьу мэгъагъэхэ, къудамэм игъунэгъу пысху, тхьампэ тхурытху ятету. Тхьампэхэр къэтlэпlыным ипэкlэ мэгъагъэ, гуп цlыкlу-цlыкlурэ зэхэсху.

Мэракlуэхэм зы кумкlэ хэлъ, езыхэм псы якlэту, хъуреуэ щытхэ, яфэкlэ флъыжым къыщыкlэдзауэ къуафlцlэм нэгъунэ нос. Мэзым къыщыкlхэм я мэракlуэхэр нэхъ цlыкlу щытхэ см 2 хуэдиз мэхъухэ. Кумкlэхэр хъуреуэ, цlанлъу щытхэ.

Лъэпlкъыр

Шэдыгъуэм зэршъхьащыкlыр ипlкъ зындэмкlэ, фэхуу щыту, икъудамэхэмкlэ, тхьампэхэр нэхъ удзыфэху щытхэ, дзасу. Шlыпlэ къыздэкlхэр ( Былийр нэхъ хуабэ лъэныкъуэ къздэкlыфыр ), Еуропэм ишъхъэрэ лъэныкъуэхэм.

Пэмыкlыу

Сурэтылъэ

 

Жыг гъэгъа

 

Тхьампэ

 

Гъэгъа

 

Мэракlуэхэр